Тхьабысымэ Умар, Лъэцэрыкъо Ким - Си нэхум сыкъыдофэ

  • Длительность:
  • Просмотров: 606
  • Добавлено: 27 февраль 2020

Прямой адрес
HTML ссылка

Си нэхум сыкъыдофэ

Си дахэу пщащэ гуакIуэр
Си нэхуу, си псэ закъуэр, –
Къэсшащи фIыуэ слъагъур,
ТхуаIэтыр хьэгъуэлIыгъуэр.
Уей, фыджэгу, уитI, жи, Iэгу!
Нэхъыжьхэр щефэкIэ,
НэхъыщIэр къофэхэр, уей.
Ныбжьэгъухэр Iэгум феуэт,
ДиIэжкъым дэ гукъеуэ.
Къыздэфэт уэ, си гуащэ, –
Иджыри уэ упщащэщ.
Уей, доджэгу, уитI, жи, Iэгу!
Гухэлъыр гуащIэмэ,
Утыкур мащIэкъэ, уей.
Си нэхум сыкъыдофэ,
НысащIэу къызогъафэ.
Ныжэбэ яужь дыдэу
Къэфэж, си дахэ, быдэу.
Уей, дуней, сэрщ узейр.
Уи нитI дахащэмкIэ
КъызэIущащэт, уей.
Гухэлъыр мафIэу маблэр,
Ныбжьэгъухэм фи нэр вгъаплъи,
ЗевгъэщIыт джэгум кIащхъэ, –
КъытхуещI лэгъунэм нащхьэ.
Уей, дуней, уей, дуней,
Псэм хэлъыр гуащIэмэ,
Жэщ кIыхьри мащIэкъэ, уей.

Категории: Музыка
Комментарии (0)
Кликните на изображение чтобы обновить код, если он неразборчив
Похожее видео